- зэуэн
- I (мэзауэ) неперех. гл. воевать, биться/ Зауэ щIын, зауэ егъэкIуэкIын.* Ахэр {янычархэр} щIалэ цIыкIуу дзэм хашэрти зэуэным хуагъасэрт. Ш. А. Красноармеецхэр Iэюб и гъусати, ялъэкI къамыгъанэу зэуащ. КI. А.II (зоуэ) неперех. гл. см. зэуэжын.* {Мистуловым} Iуэхур хьэлэч зэрыхъуар щилъагъум, . . и дзэр аргуэру зэ зэригъэшхыжщ, и кIэрахъуэр кърихри - "баргъ" - зэуэри зиукIыжащ. Сов. Къэб. ифольк.III (зоуэ) неперех. гл. ударить друг друга/ Зыр зым еуэн.* Зоуэри джатитIыр зэфIонэ. Аргуэру щызэуэкIэ, я кум Ланэ зыдедзэ. Акъ. З.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.